Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

ЩІэныгъэмрэ ахъшэмрэ гъащІэ насыпыфІэ къытхуахьыфыну?

ЩІэныгъэмрэ ахъшэмрэ гъащІэ насыпыфІэ къытхуахьыфыну?

ЦІыху куэдым я гугъэщ щІэныгъэфІрэ мылъкурэ зэрагъэпэщмэ, гъащІэ насыпыфІэ яІэну. Абыхэм я фІэщ мэхъу университетым къыуит щІэныгъэм узыщыгугъ хъун лэжьакІуэфІ уищІу икІи унагъуэм ущиІэ къалэнхэр нэхъыфІу бгъэзэщІэну къыбдэІэпыкъуу. Ахэр зэреплъымкІэ, щІэныгъэфІым и фІыгъэкІэ ахъшэфІ къыпхуэлэжьынущ икІи куэд къэзылэжьыр сыт щыгъуи насыпыфІэу я гугъэщ.

КУЭДЫР ЗЫХУЩІЭКЪУР

Китайм щыпсэу Чжан Чэнь къыддогуашэ: «Сэ си гугъэт университетыр къэзуха нэужь, къызатыну дипломым и фІыгъэкІэ афІэкІа зэи тхьэмыщкІэу сымыпсэуну икІи сыт щыгъуи насыпыфІэу сыщытыну».

Куэдыр я къэралым е хамэ къэралым дэт университет нэхъыфІ дыдэхэм щІотІысхьэ. Ауэ COVID-19-м и ягъэкІэ хамэ къэрал ущеджэныр куэдкІэ нэхъ гугъу хъуащ. «Организация экономического сотрудничества и развития» жыхуаІэм 2012-нэ гъэм ищІа отчётым къызэрыхэщымкІэ, «хамэ къэралхэм щеджэхэм щыщу процент 52-р Азие лъэныкъуэмкІэ къикІащ».

Адэ-анэхэм куэдым зыхуагъэныкъуэн хуей мэхъу, я бынхэр хамэ къэрал щрагъэджэн щхьэкІэ. Тайвань щыщ Цсян Цзян игу къегъэкІыж: «ХуэмыщІауэ дызэрыпсэум емылъытауэ, ди адэ-анэм дэ зэрыбыниплІу США дэт колледжым дыщеджэну дагъэкІуащ». ЕджапщІэр иратын щхьэкІэ, а унагъуэм щІыхуэ куэд къищтэн хуей хъуащ.

ЕХЪУЛІЭНЫГЪЭ КЪЫПХУИХЬРЭ АБЫ?

ЩІэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэту, къулей хъуну мурад зиІа куэдым гузэрыдзэ ящІащ

ЩІэныгъэм уи гъащІэр тІэкІу нэхъыфІ ищІыфынущ, ауэ узэрыщыгугъа псори абы къыщыпхуимыхь къохъу. Псалъэм папщІэ, илъэс бжыгъэкІэ къару куэд езыхьэлІа икІи щІыхуэшхуэ къэзыщтэн хуей хъуахэм щыщ куэдым иужькІэ зыщыгугъа лэжьапІэм хуэдэ къахуэгъуэтакъым. Сингапур щыщ Рэйчел Муи журналистщ, мис абы итхар: «ЕджапІэр къэзыухауэ лэжьапІэншэу щысхэр кІуэ пэтми нэхъыбэ мэхъу» (Business Times). Тайвань щыщ Цзян-Цзе докторская степень иІэщ, мис абы жиІэр: «Куэдыр я ІэщІагъэм ирилажьэкъым. Зрагъэгъуэта щІэныгъэм зыкІи емыпха лэжьапІэм ахэр увын хуей мэхъу, икІи абыхэм нэгъуэщІ хэкІыпІэ яІэкъым».

Я ІэщІагъэм ирилажьэ цІыхухэми я гъащІэр зэрагугъам хуэдэу щымыхъу къохъу. Зы щапхъэ къэтхьынщ. Таиланд щыщ Ниран Великобританием дэт университетыр къиуха нэужь, унэм къигъэзэжри зригъэгъуэта ІэщІагъэм ирилажьэу щІидзащ. Ар къыддогуашэ: «Сызэрыщыгугъам хуэдэу, щІэныгъэ зэзгъэгъуэтам и фІыгъэкІэ сэ ахъшэфІ къызэрыкІ лэжьапІэ сыуващ. Ауэ ахъшэфІ къэсхьын щхьэкІэ куэду сылэжьэн хуей хъут. Зэгуэр ди компанием и лэжьакІуэхэм и нэхъыбэр ІуагъэкІыжти, сэри абыхэм сыхиубыдащ. Сэ къызгурыІуащ лэжьапІэм зэи насып нэгъэса къызэрыпхуимыхьыфынур».

Къулей хъуахэри гугъуехьыншэу къанэкъым. Абыхэм я унагъуэм, я узыншагъэм е я мылъкум епха гугъуехьхэр яІэфынущ. Японием щыпсэу Кацутоси жеІэ: «Сэ ахъшэ куэд сиІэт, ауэ къыспеуэхэмрэ къызэфыгъуэхэмрэ си гъащІэр дыдж ящІащ». Вьетнамым щыпсэу Лам жеІэ: «Мылъкум къихъумэну щыгугъыу куэдыр ахъшэшхуэм хущІокъу. Ауэ сэ гу зэрылъыстамкІэ, къулей хъуахэм я Іуэхур нэхъ Іей хъууэ аращ: шынэм зэщІиубыдауэ мэпсэу, я узыншагъэм фІыуэ кІэреч, я лъэр щІоху, депрессием щихуи къохъу».

Франклин хуэдэу, куэдым къагурыІуащ ахъшэмрэ щІэныгъэ нэхъыщхьэмрэ нэхърэ нэхъ лъапІэ гуэр зэрыщыІэр. Апхуэдэ цІыхухэм щыщу языныкъуэхэр зэреплъымкІэ, гъащІэ насыпыфІэ къыпхуэзыхьынур блэжь ІуэхуфІхэращ, атІэ мылъкуракъым. ЦІыхуфІу ущытмэ икІи адрейхэм уадэІэпыкъумэ, пэж дыдэу, гъащІэ насыпыфІэрэ ехъулІэныгъэрэ уиІэну пІэрэ? Мы упщІэм и жэуапыр къыкІэлъыкІуэ статьям къыщыпщІэнущ.