Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

3. Къару къытхелъхьэ

3. Къару къытхелъхьэ

Зыри сэбэп къыщытхуэмыхъужыфын Іуэхугъуэ дыпэщІэхуэфынущ. Псалъэм папщІэ, уи унагъуэм щыщ дунейм ехыжамэ е уз хэтІэса уиІэмэ, адэкІэ упсэуфу зебгъэсэну фІэкІа нэгъуэщІ зыри къыпхуэнэкъым. Апхуэдэ хэкІыпІэншэ Іуэхухэм Библиер къыбдэІэпыкъуфыну пІэрэ?

УЗ ХЭТІЭСАР

Римэ жеІэ: «Сэ узыфэ хьэлъэ къызоуз. Абы къыхэкІкІэ зэпымыууэ уз зыхызощІэ. КъасщІэу си узыншагъэм кІэричащ». Псом хуэмыдэу ар зыгъэгузавэр Библиер щиджкІэ е мыхьэнэ зиІэ нэгъуэщІ Іуэхухэр щигъэзащІэкІэ и акъылыр абы зэрыхутемыухуэрат. Ауэ Римэ къыдэІэпыкъуащ Маттэ 19:26 ит псалъэхэр: «Тхьэм хузэфІэмыкІын Іуэху зыри щыІэкъым». Римэ къыгурыІуащ укъызэреджэм нэмыщІ Тхыгъэ ЛъапІэр бджын щхьэкІэ нэгъуэщІ Іэмали зэрыщыІэр. И узыфэм къыхэкІкІэ еджэну къыщехьэлъэкІ щІэх-щІэхыурэ къэхъути, Библиемрэ абы тегъэщІа публикациехэмрэ едаІуэу щІидзащ. «Абыхэм седэІуэну Іэмал симыІэу щытамэ, сщІэтэкъым сщІэнур», — жеІэ абы.

Япэм ищІэу щытам хуэдиз иджыпсту зэрыхуэмыщІэм щхьэкІэ Римэ щынэщхъеим деж, 2 Коринф 8:12 ит псалъэхэм абы гупсэхугъуэ кърат: «ЦІыхур тэным хуэхьэзырмэ, итынур иІэм елъытащ, имыІэм елъытакъым Тхьэм а тыгъэр къабыл зэрищІыр». Мы псалъэхэм Римэ игу къагъэкІыж, хузэфІэкІ къимыгъанэу Алыхьым хуищІэр Абы лъапІэу зэрилъытэр.

УИ УНАГЪУЭМ ЩЫЩ ДУНЕЙМ ЕХЫЖАМЭ

Ипэм зи гугъу тщІа Асият игу къегъэкІыж: «Илъэс 18 хъу си пхъур щылІам, си гуауэр апхуэдизкІэ гуащІэти, адэкІэ сызэрыпсэунур сщІэтэкъым. Сэ къызгурыІуэт, япэм зэрыщытам хуэдэу зэи зыри зэрыщымытыжынур». Ауэ Асият Псалом 94:19 ит псалъэхэм гупсэхугъуэ къыщигъуэтащ: «Сызыгъэгузавэ гупсысэхэр къыщыстегуплІэм, къызэпт гупсэхугъуэм си гур фІы ищІт». Асият жеІэ: «Сэ Иеговэ селъэІут си гуауэр сщхьэщызыхын Іэмал гуэр къызигъэгъуэтыну».

Асият мурад ищІащ цІыхухэм нэхъыбэу ядэІэпыкъуну. Абы зырегъэщхь зэрытхэ мелым: мелыр къутами, уритхэ мэхъу. Зэзэмызэ Асият и лъэр щІэхуауэ щыта пэтми, ар нэгъуэщІхэм ядэІэпыкъуфт. Абы жеІэ: «Библием ит гупсысэхэмкІэ езгъаджэхэм гупсэхугъуэ ягъуэтыжыну сащыдэІэпыкъум деж, сэ езым гупсэхугъуэ зэрызгъуэтыжым гу лъыстащ». Зи Іыхьлы зыфІэкІуэдахэм щыщу Библием зи гугъу ищІ цІыхухэр Асият къритхыкІащ, абыхэм я гъащІэм теухуауэ нэхъыбэ къищІэн папщІэ. Абы жеІэ: «Абыхэм псоми Алыхьым тхьэлъэІукІэ щІэх-щІэхыурэ зыхуагъазэт. Абы нэмыщІ, сэ къызгурыІуащ Библиер къызэІуомыхмэ, жэуап зэромыгъуэтынур».

Библиер зэриджым и фІыгъэкІэ Асият зригъэсащ и щІыбагъкІэ зэмыплъэкІыжу ипэкІэ плъэну. Апостолхэм 24:15 ит псалъэхэм ар ягъэгушхуэ: «[ЛІахэр] Тхьэм къызэригъэтэджыжынум... сыщогугъ». Асият и пхъур Иеговэ къызэригъэтэджыжынур и фІэщ хъурэ? Абы жеІэ: «Сипхъу цІыкІур къэкІуэну зэманым зэрыслъэгъунур си нэгу къыщІызогъэхьэ. Дэ дыщызэхуэзэжыну махуэр Иеговэ и календарым иритхащ. Ди жыг хадэм зэгъусэу къызэрыщыткІухьыр слъагъу хуэдэщ. Си пхъур дунейм къыщытехьа махуэм ІэкІэ къасщтэу ар зэрыслъэгъуам хуэдэу, къэкІуэну зэманми сыхуэзэжу зэрыслъэгъунур си фІэщ мэхъу».

Зэман нэхъ гугъу дыдэми Тхыгъэ ЛъапІэм гупсэхугъуэ къыует