Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Дауэ уеплърэ?

Дауэ уеплърэ?

Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуну Библиер къыбдэІэпыкъуфыну пІэрэ?

ЯЗЫНЫКЪУЭХЭМ Я ГУГЪЭЩ

гуэныхь куэд зэралэжьым щхьэкІэ, Алыхьым и ныбжьэгъу зэи мыхъуфыну. НэгъуэщІхэм я гугъэщ Алыхьым дыкъыфІэмыІуэхуу. Уэ дауэ уеплърэ?

БИБЛИЕМ ЖИІЭР

Алыхьым «и дзыхь цІыху захуэхэрщ зригъэзыр» (Притчи 3:32, Гъэс.). Дэ Алыхьым дыхуэжыІэдаІуэмэ, абы и ныбжьэгъу дыхъуфынущ.

СЫТ ИДЖЫРИ БИБЛИЕМ КЪЫЩЫТЩІЭФЫНУР?

  • Алыхьыр хуейщ ди ныбжьэгъуу щытыну (Екъуб 4:8).

  • Алыхьыр ныбжьэгъуфІщ. Иеговэ къыддэІэпыкъуну икІи ди гуэныхьхэр къытхуигъэгъуну хьэзырщ (Псалом 86:5).

  • Алыхьым ифІэфІыр и ныбжьэгъухэми фІыуэ ялъагъу икІи абы илъагъу мыхъур абыхэми ялъагъу хъукъым (Рим 12:9).