Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

48 УЭРЭДЫР

Махуэ къэс Иеговэ и гъусэу къыдокІухь

Махуэ къэс Иеговэ и гъусэу къыдокІухь

(Михей 6:8)

  1. 1. Иеговэ и Іэр тІыгъыу,

    Махуэ къэс Іэдэбу къыдокІухь.

    И гъуэгу пэжыр къэзылъыхъуэм

    ИкъукІэ щабэу, гуапэу Ар хущытщ.

    Адэр щабэу къыдолъэІур:

    «Си Іэр быдэу фэ фыубыд».

    ГъащІэр и ІэмыщІэм итлъхьэу,

    И лъэныкъуэри дывгъэубыд.

  2. 2. Къос Иеговэ и махуэшхуэр,

    Мы дунейм абы кІэ иритынщ.

    Дэ бий куэд къытпэщІоувэ,

    Шынэм и къапхъэн дихуэнкІэ хъунщ.

    Ауэ Адэр — ди быдапІэщ,

    Дэ и гъусэу къэткІухьынщ.

    Гурэ псэкІэ дыхуэлажьэу,

    Сытым щыгъуи дыхуэпэжынщ.

  3. 3. Иеговэ и къарумкІэ,

    Тхыгъэ ЛъапІэмкІэ къыддоІэпыкъу.

    И зэхуэсхэм дагъэгушхуэ,

    Ди тхьэлъэІухэм фІэфІу ар щІодэІу.

    Иеговэ и Іэр тІыгъмэ,

    Дэ ІыхьэфІыр къытлъысынщ.

    Іэдэбагъыр зыхэдгъэлъу,

    Пэжыр ди гум щытхъумэфынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ ЩІэдз. 5:24; 6:9; 1 Цар. 2:3, 4.)