Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

11 УЭРЭДЫР

Алыхьыр егъэлъапІэ и ІэдакъэщІэкІым

Алыхьыр егъэлъапІэ и ІэдакъэщІэкІым

(Псалом 19)

  1. 1. Телъыджэщ, Иеговэ, уи Іуэху псор,

    Уи мелыІычхэм щытхъу къыпхуахьыр уэ.

    ІэдакъэщІэкІым фащэ дахэ щыгъщ,

    Мы щІылъэ псор, Иеговэ, пхуохъу щыхьэт.

    ІэдакъэщІэкІым фащэ дахэ щыгъщ,

    Мы щІылъэ псор, Иеговэ, пхуохъу щыхьэт.

  2. 2. Алыхь фІэлІыкІым къыбгъэдокІ Іущагъ,

    Ди гъащІэр псыежэхым хуэдэ ещІ.

    Уи хабзэр дыщэ къабзэм хуэдэу щытщ.

    Ар жьыми щІалэми сэбэп яхуохъу.

    Уи хабзэр дыщэ къабзэм хуэдэу щытщ.

    Ар жьыми щІалэми сэбэп яхуохъу.

  3. 3. УкъэтцІыхуащ, дэ пщІэншэу дымыпсэу,

    Ди гъащІэм сыткІи укъыддоІэпыкъу.

    ПщІэ лей, Иеговэ, дэ уэ къытхуэпщІащ,

    Уэ уи цІэр мы дунейм щыдгъэлъэпІэнщ.

    ПщІэ лей, Иеговэ, дэ уэ къытхуэпщІащ.

    Уэ уи цІэр мы дунейм щыдгъэлъэпІэнщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 12:6; 89:7; 144:3; Рим 1:20.)