Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

4 | Библием ит чэнджэщ щхьэпэхэр

4 | Библием ит чэнджэщ щхьэпэхэр

БИБЛИЕМ ИТЩ: «Тхьэм и псалъэ тха лъапІэ псори... щхьэпэщ» (2 ТИМОФЕЙ 3:16).

Сыт абы къикІыр?

Библиер медицинэм теухуа тхылъу щымытми, психическэ узыншагъэмкІэ гугъуехь зиІэхэм ядэІэпыкъуфын чэнджэщхэр абы итщ. Апхуэдэ чэнджэщ зыбжанэ зэпкърытхынщ.

Дауэ ар къызэрыбдэІэпыкъуфынур?

«Узыншэхэракъым дохутыр хуэныкъуэр, атІэ сымаджэхэращ» (МАТТЭ 9:12).

Библием зэрыжиІэмкІэ, дысымаджэмэ, зыдмыгъэхъужу хъунукъым. Куэдым я Іуэхур нэхъыфІ хъуащ, я узым теухуауэ нэхъыбэ къыщащІам икІи дохутырхэр щызыдагъэІэпыкъуам щыгъуэ.

«Пкъыр бгъэсэнми фІагъ гуэр хэлъщ» (1 ТИМОФЕЙ 4:8).

Уи Іэпкълъэпкъыр нэхъ быдэ зэрыпщІым и фІыгъэкІэ уи психическэ узыншагъэри нэхъыфІ хъунущ. Уи Іэпкълъэпкъым зегъэужь, ерыскъы узыншэ шхы икІи уи жейм иригъэкъу.

«Гухэхъуэр Іэпкълъэпкъым и хущхъуэгъуэщ, ауэ гухэщІым къарууншэ уещІ» (ПРИТЧИ 17:22).

Библием узэреджэм икІи узылъэІэсыфын мурадхэр зэрыбгъэувым гукъыдэж къыуитыжыфынущ. Уи гур фІым зэрытеухуамрэ куэд мыщІэу псори тэмэм зэрыхъужынур уи фІэщ зэрыхъумрэ психическэ узыншагъэм епха гугъуехьхэм упэщІэтыну къыбдэІэпыкъунущ.

«Зи зэфІэкІыр здынэсыр зыщІэжым Іущагъыр и Іэпэгъущ» (ПРИТЧИ 11:2).

Уи Іуэху псори зэрызэфІэбгъэкІын къару уимыІэнкІэ хъунущ. Апхуэдэу щытмэ, умыукІытэу адрейхэр зыдэгъэІэпыкъу. Уи ныбжьэгъухэмрэ уи благъэхэмрэ, дауикІ, къыбдэІэпыкъуну хуейщ, ауэ уэ узыхуэныкъуэр абыхэм ямыщІэнкІэ хъунущ. Ахэр дауэ къыбдэІэпыкъуфынуми яжеІэ, ауэ абыхэм куэдыІуэкІи уащымыгугъ. Сыт хуэдэ дэІэпыкъуэгъури фІыщІэ щІы.

Библиер сэбэп зыхуэхъуахэм сыт жаІэр?

«Зыгуэр сызэрилажьэр зыхэсщІэти, дохутырым зыхуэзгъэзащ. Абы си лажьэр къызэрызжиІар къыздэІэпыкъуащ къысщыщІымрэ, си щытыкІэмрэ къызгурыІуэну икІи зэрызызгъэхъуж хъуну Іэмалхэм теухуауэ нэхъыбэ къэсщІэну» (биполярное расстройство зиІэ Николь a).

«Си щхьэгъусэмрэ сэрэ пщэдджыжь къэс зэгъусэу Библием дызэреджэм гупсысэфІхэр къызет. Си Іуэхур егъэлеяуэ щыхьэлъэм дежи, гупсэхугъуэ къызэзытын едзыгъуэ къыдогъуэт» (депрессие зиІэ Питер).

«КъысщыщІым теухуауэ нэгъуэщІхэм садэгуэшэну сыукІытэт. Ауэ си ныбжьэгъухэм ящыщ зыр фІыуэ къызэдэІуащ икІи абы сызэхищІыкІащ. А шыпхъум и фІыгъэкІэ сызэримызакъуэр зыхэсщІащ икІи си Іуэхур куэдкІэ нэхъыфІ хъуащ» (расстройство пищевого поведения зиІэ Чи Ю).

«Библиер къыздэІэпыкъуащ лэжьыгъэмрэ зыгъэпсэхунымрэ зэпэшэчауэ сыбгъэдыхьэну. Абы ит псалъэхэм Іущагъ хэлъщ икІи ахэр къыздоІэпыкъу си эмоциональнэ узыншагъэм епха гугъуехьхэм сыпэлъэщыну» (обсессивно-компульсивное расстройство зиІэ Тимоти).

a Языныкъуэ цІэхэр зэхъуэкІащ.