Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Алыхьыр арэзы пщІын щхьэкІэ дин гуэрым ухэтын хуей?

Алыхьыр арэзы пщІын щхьэкІэ дин гуэрым ухэтын хуей?

Библием ирит жэуапыр

 НтІэ, Алыхьыр хуейщ абы къыхуэлэжьэн щхьэкІэ цІыхухэр зэхуэсыну. Библием мыпхуэдэу итщ: «Ди гум фІылъагъуныгъэ илъыну, фІы щІэнми дыхэтыну дызэрыгъэгушхуэурэ дызэкІэлъывгъэплъыж... ДызэІущІэныр зыхэдывмыгъанэ» (Еврейхэм 10:24, 25).

 Хьисэ Мэссихь жиІауэ щытат абы и лъэужь ирикІуэхэр зы гупу зэрыщытынур. Мис абы и псалъэхэр: «ФІыуэ фызэрылъагъумэ, фэ си гъуэгу фызэрырикІуэр цІыху псоми ящІэнущ» (Иуан 13:35). Апхуэдэ лъагъуныгъэр ягъэлъэгъуэн щхьэкІэ Хьисэ и лъэужь ирикІуэхэр зэхуэсын икІи зэдэуэршэрын хуейщ. Ахэр зэхуэс-зэхуэсурэ зэгъэпэщауэ щытщ икІи Алыхьым хуэлэжьэн щхьэкІэ тхьэмахуэ къэс зэІущІэхэр ирагъэкІуэкІ (1 Коринф 16:19). Дуней псом тет зэхуэс псори зэгъусэу зы унагъуэшхуэ мэхъу (1 Петр 2:17).

Дин гуэрым ухэтын закъуэр мащІэщ

 Дызэхуэсу Алыхьым дыхуэлэжьэну Библием ит щхьэкІэ, а зымкІэ Алыхьыр арэзы пхуэщІынукъым. Ди фІэщхъуныгъэр ди дуней тетыкІэм къыхэщын хуейщ. Библием мыпхуэдэу итщ: «Къабзэу икІи щыщІагъэншэу Тхьэуэ Адэ лъапІэм ухуэлэжьэныр мыращ: Гузэвэгъуэм хэхуа зеиншэхэмрэ фызабэхэмрэ ядэІэпыкъуныр, мы дунейм щызекІуэ бзаджагъэм мысэ уимыщІу пэІэщІэ зыпщІыныр арщ» (Екъуб 1:27).